Бийр щIым ишэчыныр идакъым,
Ар абы и блыгу щIилъхьащ.
Хамэ насып хэт щIэкъуами
Ажалыр псынщIэу лъысащ.
УСЭ КЪАРУКIЭ БИЙР БГЪЭСУ
Усэ къарукIэ бийр бгъэсу,
Лъагъуэ насыпым хуэпщIат,
Уигу щыплъым уи Iэр нэмысу
ХэщIапIэ дэнэ щыпщIа?
И кIэм нэмысу уэрэдыр,
Дыщэ бжьамийри пкъута?
Лъым ила стиххэр ныкъуэтхыу
Бийм фIэауану къищта?
Зи адэ лIа щIалэу слъэмыкIыу
Уэ уи кIуэдыпIэр согъей,
Нэпс пщтырхэр щIагъэкIыу
Хъуащ къуэшхэр нэщхъей.
Нэпс Сэтэнейми и мащIэщ, —
Уэ уигъеину лъэмыкI,
УэркIэ ныбжьэгъухэр гумащIэщ, —
Я гум зы махуэ уимыкI.
Нарт и кIуэдыкIэр пхуэфащэт
Ер уэ уи натIэ щыхъуам.
СщIэркъым и гъуэгур уи мащэм,
СщIэркъым гуIэпIэ пхуэхъуар.
Къуршыбгъэ лъэщыр мылъатэм,
Дамэр къутащи ешэщI,
Усэр зыгъэIур мыпсалъэм,
НэпскIэ уIэгъэр етхьэщI.
ЗэуапIэм лъыр пщIэжу уизгъуатэм,
ФIыцIэу си щIакIуэр птеспхъуэнт,
Си пкъым къинари зы джанэм,
УIэгъэр спхэну счэтхъэнт.
Уи гузэвапIэр сэ сщIатэм,
Алъп къарэ жэрыр нэсшэнт,
Уэ ущышэскIэ шыр ятэм,
Лъапэр лъэрыгъым хуэсшэнт.
Уи лъэрыгъыпсыр сэ сIыгъыу,
Шым сыдэжэни слъэкIынт,
Уэ усхъумэныр нэрыгъыу,
Сыт и гугъуехьи сшэчынт.
УИГУ, СИ АНЭ, СЫКЪЭКӀМЭ
Уигу, си анэ, сыкъэкӀмэ
Уэ мащӀэ уи лъэӀу?
Сэ сощӀэр, нэзмытхмэ
Уигу щабэр ныкъуащ.
Жэщ къэскӀэ угугъэу
Макъ псоми уодэӀу,
Псэлъафэу сиӀахэр
Анэгум къинащ.
Ар пӀуатэм угуфӀэу
Иныкъуэм йокӀуэкӀ,
Гупсысэм зэм уихьу
Дэп плъыжьуэ зэм уоплъ,
Иныкъуэм макъыншэу
Щхьэц тхъуахэр йокӀуэкӀ,
Сурэтым зэм уеплъмэ,
Диями лъыр къоплъ.
Шу къакӀуэу зэм плъагъумэ,
Ар щхьэкӀуэ къыпфӀощӀ —
Уи нэпсхэр зэпеӀэу
Уигу щабэр къолъэт.
Шыпхъу цӀыкӀухэм яжоӀэр:
«Хэт къакӀуэр? КӀуэт, плъэт?»
Уи накӀэу зэлъахэм
Нэпс тезу лъэр йощӀ.
Сэ си адэм и унэр
ОкопкӀэ схъуэжащ,
Сыщежьэм къысхуэпщӀырт
Уэ ӀэплӀэ пӀейтейу.
ЖыпӀахэр жыр быдэу
Сэ си гум къинащ,
ЩӀы псыӀэм теплъафэу
Босцейри нэгу щӀэтщ.
Уэгу пшагъуэм ит вагъуэу
Иджыри сощӀэж,
Уи нитӀыр нэпсыбэм
Ятхьэлэу лыдат:
«Бийм текӀуэ, си щӀалэ,
Узыншэу къэкӀуэж», —
Ар жыпӀэу си ужьым
УимыкӀыу уитат.
Зауаер етащи
ЩӀы щтари мэгыз,
Окопэу сыздисыр
Уэс къесым есей.
А уаем сэ си гур
ИӀыгъыу ехуз,
Уэ фӀыуэ сыкъолъагъури
Сыкъолыр, сопсэу.
Си