ШУМ И ГЪУЭГУ. Алим Кешоков. Читать онлайн. Newlib. NEWLIB.NET

Автор: Алим Кешоков
Издательство: Издательские решения
Серия:
Жанр произведения: Поэзия
Год издания: 0
isbn: 9785449682666
Скачать книгу
гуауэр тшэчынщ.

      Ер щыблэ макъкӀэ зыгъэӀуу

      Нэмыцэр зауэм хэдгуэнщ.

1942 гъ.

      НОЯБРЫМ И 4-М 1942 ГЪЭМ

      ЦӀыху мыгъыфауэ игъащӀэм

      Сыгъынущ нэпсыр мыухыу,

      ТолъкъункӀэ нэпкъыр итхьэщӀу

      Ар псышхуэу ди щӀым щежэхыу.

      А псым и гъыбзэр уэрэду

      КъэбэрдеищӀым щиӀэту.

      АрщхьэкӀэ гуауэр бгъэнщӀынкъым,

      БгъэткӀун ар нэпскӀэ плъэкӀынкъым

      ВгъэпщкӀу нэпсыр! Къафщтэ фи Ӏэщэр!

      Бий бзаджэр ди щӀым къихьащи

      Бийм и лъым адэ бжэщхьэӀур евгъалэ.

      Дэндежи зауае гуащӀэр щыфӀэт.

      СосрыкъуапцӀэм жаншэрхъыр,

      Бийм хуигъэпсауэ хьэзыру

      Бгым тетщ зэщӀиукӀауэ и нэщхъыр —

      Къыдоджэр зауэм дишэну.

      САБИЙ

      Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами,

      Нэпс ткIуэпс си гъащIэм сфIэкIуэдакъым.

      Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами,

      СшыIэн си нэпсыр сэ слъэкIакъым.

      Ди фочыр быдэу IитIкIэ ткъузу,

      Бийр зыдэс къалэм дыдэуат.

      Зауаем щIылъэр игъэгызу,

      Топ Iэджэ зэуэ зэдеуат.

      МафIэсым ису унэр лъалъэт,

      Сабий гузасэу ныбгъэдэту,

      Шынауэ а зеиншэр зи мыпсалъэт,

      Гъын куэдым и гур хигъэлъэту.

      КъэкIащ сэ си гум сипхъу сэ згъафIэр,

      Сабийр хъумапIэм щызгъэпщкIуауэ,

      Си псылъэм иту псы езгъафэрт,

      И гуауэр си гум щымыткIуауэ.

      – Фи дей сыздэшэ, дадэ лъапIэ,

      Сыгъынкъым… Си анэр яукIащ

      Нэмыцэм, – жиIэрт хъыджэбз цIыкIум.

      А псалъэр гущIэм щытэджащ.

      Ди бгыщхьэ мывэ къыщехуэхыу

      Къуэ куум и лъэгум щыбзэхам

      Си нэпсыр хуэдэу, мис къыпыхури

      Си нэкIу гын Iугъуэм щытенат.

      ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу

      Налкъутналмэсу нэпсыр лыдри

      Сабий щхьэц хужьым хэкIуэдат.

      А цIыкIур хуэму къэзубыдри

      Си бын пэслъыту ба хуэсщIат.

      ИтIанэ и нэм сэ сыщIэплъэу

      Сабийм и закъуэ тхьэ хуэсIуащ:

      Абы и гуауэм сигу къигъэплъу,

      Сэ илъ сщIэжыну ныжесIащ.

      Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами,

      Нэпс ткIуэпс си гъащIэм сфIэкIуэдакъым,

      Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами,

      СшыIэн си нэпсыр сэ слъэкIакъым.

      УЭРЩ, ЗАУЭЛӀ ХАХУЭ, АР ЗЭДЖЭР

      ГуфӀэу сабийхэр, ӀурыщӀэу

      Псы Ӏуфэ тафэм щоджэгу,

      Cыт къапэщытми ямыщӀэу

      ГуфӀэгъуэр щӀэтхэщ я нэгу.

      Жырыр жыр пхъашэм текъутэу

      Хэт зыщӀэр зауэр щежьар?

      ГъущӀым цӀыху къупщхьэр икъутэу

      Зи нитӀым Ӏугъуэр щӀэбжьар?

      Щхьэщытщ цӀыкӀу джэгухэм ажалыр,

      Ар уфэразэу къокӀуэкӀ,

      Уэгум бий бзаджэр щокъуалэр,

      Къидзыну бомбэр къоплъэкӀ.

      А напӀэ-зыпӀэм къэхъуахэр

      Хэт иӀуэтэну лъэкӀын?

      Нэмыцэм бомбэу къипхъахэм

      Сабийр имыхьу хэкӀын?

      Фашистыр уэгум къолъадэ,

      ХамэщӀым гуауэр щегуэш.

      Зигу кӀуэда анэм и хьэдэр

      Къупщхьэ зырызу къещып.

      Сабий