ШУМ И ГЪУЭГУ. Алим Кешоков. Читать онлайн. Newlib. NEWLIB.NET

Автор: Алим Кешоков
Издательство: Издательские решения
Серия:
Жанр произведения: Поэзия
Год издания: 0
isbn: 9785449682666
Скачать книгу
щхъуантӀэ къэлъыхъу,

      Сэ си шым гъэ куэдкӀэ

      Дамыгъэу иӀар

      Бгы нэӀум щистхъащи,

      УкӀуэжмэ, къэлъыхъу.

      Си анэжьым ухуэзэм,

      Изакъуэу жеӀэж:

      Уи щӀалэу уи пажэм

      И гъуэгур кӀэщӀ хъуащ…,

      Хъуэпсэгъуэу иӀахэр

      ӀэщӀыби ищӀащ.

      КъищӀэнущ си анэм

      Хъыбару хуэпхьар,

      Игу махэм хыхьэнщи

      Ар щэхуу къэгъынщ,

      Ӏэ гъуркӀэ и нэпсыр

      ИлъэщӀу пыхьэнщ.

      V

      УӀэгъэу сэ стелъым

      Сихьынущ, си къуэш,

      Уэ псэууэ укъонэ—

      Насыпыр мыгуэшщ.

      Ди хэкум уэ бгъазэм

      Мы зымкӀэ солъэӀу:

      Си адэм ухуэзэм,

      Зы псалъэ жеӀэж:

      «ФӀыуэ плъагъуу уи щӀалэр

      ЩӀы щӀыӀэм щӀэслъхьащ».

      Цеищхъуэ схуищӀамэ,

      ФӀэлъапӀэм фӀилъэнщ.

      Цейм, еплъмэ, гумащӀэу

      Игу и къуэр къэкӀынщ.

      Хъыджэбзхэм яхэплъэу

      Ар нысэ лъыхъуэн?

      Хъыбархэм я гуауэу

      Си гугъур уэ хуэщӀ.

      Си адэм, сэ сощӀэр,

      Ар и гум щӀыхьэнщ

      АрщхьэкӀэ и нэпси

      Нэм щӀэту плъагъун?

      Хъыбару жепӀахэр

      ЩӀыхь къабзэу ибжынщ,

      Щхьэ тхъуари иӀэту

      Ар занщӀэу къоплъынщ.

      И къамэм и Ӏэпщэр

      Икъузу щытынщ.

      ПУШКИНЫР 1941 ГЪЭМ И НОЯБРЫМ

      И бын гупсысэм ар хэту,

      Площадь мывалъэм и дей

      Тетщ Пушкин, жэщкӀи зэфӀэту,

      Ар сэлэт плъырщи – мыхъей.

      Хьэуам хэз хъуами сырымэр,

      Ар зи къэмыскӀэу къоплъых,

      Бгы мамырыгъэр ехъумэ,

      И педьесталым къемых.

      Къэсащ бийр. Уэгум имыхуэу

      Мэзкуум кхъухьлъатэр щхьэщытщ,

      И пащхьэм сатыр мыухыу

      Зауэм кӀуэ дзэхэр щыблокӀ.

      И бронзэ нэкӀур нызолъэ,

      ЖыдоӀэр: «Пушкин, нэшэс!»

      Россием и бынхэм къытхоплъэ,

      И нитӀым щӀихьэу жьым уэс.

      Мазитху гупсысэм ихьащи,

      И щхьэцыр тхъуауэ къысфӀощӀ,

      ӀэщӀэлъ тхылъымпӀэу шыхьари

      Бгырыс жыр къамэу къысфӀощӀ.

      Из тщӀынщ бий хьэдэр ди щӀапӀэм,

      БиилъкӀэ сыныр дгъэжынщ,

      МылӀэжыныгъэу хэщӀапӀэ

      Пушкин хуэхъуами дыкӀуэнщ.

      ЖЭЩ

      Жэщ дымыр къехуэх игугъэу

      Хэт уафэм нур пкъо щӀигъэува?

      Е Ӏэдиихухэм я щӀэщыгъуэу

      Пшэм я Ӏэр халъхьэм яфӀэфӀа?

      Е Сосрыкъуэ къэхъужауэ

      Джатибл уэгу фӀыцӀэм щиӀэта?

      Игу зэманыгъуэр къэкӀыжауэ

      КӀыфӀыгъэр Ӏыхьэу ибзыта?

      КъохъуэпскӀыр уафэр, зэм къогъуагъуэ.

      ЩӀым псэ хыхьауэ мэкӀэзыз,

      Щоунэху, щоуфӀынкӀыр уэгум вагъуэ,

      Тенджызым хуэдэу мафӀэр изщ.

      Пхъэ дзакӀэм хуэдэу зэщӀэнауэ,

      Къохуэх кхъухьлъатэу а гъуэгъуар.

      – Аращ хуэфащэр! – жаӀэр. КъыщӀэнакъэ

      Фашист ерыщым и гугъар.

      Аргуэру жэщыр дым мэхъуж.

      ЩӀЫМ