ШУМ И ГЪУЭГУ. Алим Кешоков. Читать онлайн. Newlib. NEWLIB.NET

Автор: Алим Кешоков
Издательство: Издательские решения
Серия:
Жанр произведения: Поэзия
Год издания: 0
isbn: 9785449682666
Скачать книгу
и мыяпэ тхылъ щхьэкIэ, дэ ди щIэблэм ар къызэрацIыхуар япэ дыдэ а тхылъыращ. Абы иужькIэ, Алим тхылъу къыдигъэкIар иджыпсту къыпхуэбжынукъым жыпIэну бэгъуащ, ауэ бжыгъэкIэ зэрыбэгъуам нэмыщIкIэ, я фIыгъэкIэ, я кууагъкIэ, я IэзагъкIэ тхылъхэм хэхъуащ. ЦIыху Iущ абрагъуэщ тхыгъэм дежкIэ, литературэм дежкIэ Iэзэ жыхуаIэр. КIыщокъуэ Алим а IэщIагъэм хуэIэзэу иджыпсту ди къэралым ис тхакIуэ нэхъ ин дыдэхэм ягуохьэ».

      Къэбэрдей усакIуэ Тхьэгъэзит Зубери нэгъуэщIхэри апхуэдэ дыдэу мы усэ тхылъым къысхутепсэлъыхьат. Аращ си литературэ гъащIэм «Шум и гъуэгум» увыпIэ лъагэ дыдэ щIигъуэтар.

      Шум и гъуэгу

      Сборникым ихуа усэхэм укъыщеджэкIэ, Алим уи нэгум наIуэу къыщIегъэувэ къиIуэтэжхэм я сурэтыр; зауэ дыдэм уIуешэри, совет сэлэтым и псэм телъа гузэвэгъуэр, игъэва гурыщIэхэр зыхеугъащIэ. Усэ къарукIэ бийр игъэсу зауэ гъуэгум и кIыхьагъкIэ ирикIуам жиIэни иIэт, ар зыхуэда дыдэр зэрыжиIэжыфын къару лъэщи хэлът. Мис ахэращ къэзыгъэщIар нобэ адыгэ усыгъэм и фIыпIэу къэтлъытэ усэ хьэлэмэтхэр: «Сэлэтым и сэлам», Майм и 9-м 1945», «Салют», «Сэлэт шырыкъу», «Ноябрым и 4-м 1942», «Сабий», «Си фочым IэплIэ есшэкIауэ» нэгъуэщIхэри.

      Лъагъуныгъэ дахэм, лъагъуныгъэ къабзэм теухуа усэхэми укъыщеджэфынщ мы тхылъым. Ахэр: «Фэеплъ бэлътоку», Уи деж сынокIуэ», «Сэ сщIэркъым зауэм никIыжу», «Сурэт», «Гупсысэ», «Услъагъут пщIыхьэпIэу уэ куэдрэ», н.

      «Зэгуэр пщIыхьэпIэу услъэгъуащи» – мы усэр, мы сатриплIыр лъагъуныгъэ усыгъэм и дамыгъэщ. ИкIэщIыращи, 70-щI гъэхэм къэунэхуа къэбэрдей усакIуэ дахэ гупым мыри, «Шум и гъуэгу» усэ тхылъри зэрыщыту я гъуэгугъэлъагъуэт.

      Мыри къыжысIэнт: зи цIэ фIыкIэ къисIуа си егъэджакIуэ Сокъур Мусэрбий «Зэгуэр пщIыхьэпIэу услъэгъуащи» усэрат КIыщокъуэ Алим и творчествэм сызэрыхишар. Усэм къысхуеджэри, мыр жиIат: «итIани адыгэхэр дахэу мытхэу жаIэ!». Абы лъандэрэ зэман куэд дэкIащ, – мы усэр сэ езгъэджахэм псоми зэхэхащ, къэбэрдейм имызакъуэу, тыркуми къыщыIуащ. Усэр Алими Мусэрбии я фэеплъщ.

      Апхуэдэу усэ хьэлэмэтыщэ куэд ихуащ мы сборникым. Иджыри зэ гъащIэ абы естыжыну сыщIыхуейри аращ. Тхылъыр къыщыдэкIам щыгъуэ, зауэр зэриухрэ зы илъэс хъууэ арати, ди ТекIуэныгъэр мы усэхэмкIэ щIэгъэбыдэжа хъуат. Мыбы ихуа «Насып» усэр зымыщIэ адыгэ куэди щыIэнкъым, ар къэбэрдейуэ щытмэ. «Насып щIэкъуныр – арщ насыпыр» жызыIа усакIуэр и щхьэм и мызакъуэу, и хэкум папщIи насыпым щIэкъуу дунейм тетащ, икIи а насыпыр абы къеуэлIащ.

      Мы сборникыр илъэс бжыгъэшхуэкIэ си университет программэм хэтащ. Минитху и тиражу къыдэкIащ жытIами, мыр псынщIэ дыдэу зэбгырыкIат, библиотекэхэми щIэлъыжтэкъым, ауэ сэ зы экземпляр закъуэ, КIыщокъуэм и псалъэ тету сиIэт. Зы фIыгъуэ гуэру ар езгъаджэхэм язгъэлъагъут, усэхэм дыкъеджэт, гукIэ зэдгъащIэт.

      Тхылъым ихуат усэу 87-рэ поэмэу 3-рэ – «Адэ», «Бдзэжьеящэм ипхъу», «Бгы лъапэм деж» жыхуиIэхэр.

      Усэ тхылъыр урысыбзэкIи къыдэкIат "Путь всадника" жиIэу.

      Путь всадника

      «ШУМ И ГЪУЭГУ» усэ тхылъым тIэкIу сыхэмылэжьыхьыжауэ жысIэнкъым. Зэманым мащIэу къемызэгъыжу щыт усэми, ауэ усэ сатырми зыгуэрхэр