Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова. Читать онлайн. Newlib. NEWLIB.NET

Автор: Зарина Саадуловна Канукова
Издательство: Автор
Серия:
Жанр произведения:
Год издания: 2024
isbn:
Скачать книгу
аращ зыхуейр.

      Адэр шофёрым бгъурысу, лӏитӏым я щӏыбагъым Майе къыдэсу йожьэхэр. Анэр гъуэгу сабэр къэзыгъэхъея маршынэм кӏэлъоплъ. Дапхуэдизу гугъу демыхьми, хъыджэбз цӏыкӏум и зыужьыкӏэм зыри хухэлъхьэркъым. Щӏохъуэпс сабий псоми яхэгъуащэ ищӏыну. Гъунэгъу хъыджэбз цӏыкӏухэр къыхуишэрти, унэрами пщӏантӏэрами, зыхуейм щигъэджэгурт, и пхъум и гуащэхэри хуит яхуищӏат. Майе абы щыгъуэми джэгуэгъуу къыхуашахэм тӏэкӏу яхэплъэрт, яхэтти, гунэс зэрыщымыхъуар нэрылъагъуу къахэкӏыжырт. А здишэм дауэ ар зэрыщыӏэфынур?

      – Тыншу ущыс, гуащэ цӏыкӏу? – лӏы мыцӏыхур сабийм хуоплъэкӏ, мор еплъыркъым, жэуапи иритыркъым.

      – Хэт деж дыздэкӏуэр, Майе? – Пагуэ и пхъум йоупщӏ, зыгуэр жригъыӏэу зэрымыбзагуэр лӏы хамэм иригъэлъагъун щхьэкӏэ.

      Адэри жэуапыншэ мэхъу, ауэ Майе здэкӏуэр ещӏэ: Тӏыаузым.

      – Нанэ деж докӏуэ, аракъэ, Майе? Нанэ уигу къэкӏа? – Пагуэ фӏэфӏкъым и быным дыгуэмыжьафэ къытеуэнкӏэ зэрыхъунур, аращи, зыфӏимыгъэӏуэху хуэдэурэ сабийр псалъэмакъым хишэну йолӏалӏэ.

      – И, нэху цӏыкӏу, нанэ къэтшэжын? Уигу къэкӏащ, аракъэ?

      Майе и гур унэ цӏыкӏу хуэдэущ зэрызыхищӏэр, зэрилъагъур. Балигъитӏыр зыгуэркӏэ къеупщӏыху, а унэ цӏыкӏум зыщеплъыхьри, къэкӏаи, къикӏыкӏаи щилъагъукъым, аращи езыри щыму къонэ, къеупщӏхэри жэуапыншэ мэхъу. Зыщ абы и гу-унэм щилъагъур: нанэ къоплъэ, къожьэри дурэш цӏыкӏум дэсщ.

      – И гум исщ нанэ, – хъыджэбз цӏыкӏум и макъыр щэхуми, «нанэ» зэрыжиӏар адэм зэхехри, къэгуфӏэжауэ, зоплъэкӏ. Зыкъегъэзэжри къыбгъурыс лӏым йоупщӏ:

      – Зэхэпха си пхъум жиӏар?!

      Лӏым и щхьэр егъэкӏэрахъуэ, зэхэсхакъым жыхуиӏэу.

      – Нанэ сигу къэкӏащ, жи! – къэхъуар бэлыхьу узыщыгуфӏыкӏыну зэрыщымытыр къызыгурыӏуэ Пагуэ и макъыр къызэрыгуэкӏ ищӏыну яужь итщ, ауэ зэрыгуфӏэр хуэбзыщӏыркъым.

      Майе маршынэ щхьэгъубжэм доплъ, лъэныкъуитӏымкӏи кӏапсэлъэрышэу зэкӏэлъыщыт унэхэмкӏэ ещӏыха уэрамым ироплъэ. Зэм куэбжэм къыдэувыкӏауэ зызыплъыхь балигъхэр елъагъу, тетӏысхьэпӏэхэм тес дадэ-нанэхэм яхуоплъэкӏ, джэгум дихьэха сабий гуп цӏыкӏухэри къыщилъагъу къыхохуэ. Зыдэж къуажэхэр бгы абрагъуэхэмкӏэ къегъэбыдэкӏащи, хъыджэбз цӏыкӏум зыхещӏэ ахэр узыщыгугъ хъун быдапӏэу зэрыщытыр, я дзыхь ирагъэзу и лъапэм кӏэщӏэтӏысхьа цӏыхухэр зэрахъумэр. Зыхещӏэ, ауэ хужыӏэнукъым, жиӏэнуи елӏалӏэркъым. Майе и щхьэм допсэуж, зэкӏэ нэгъуэщӏ къилъыхъуэркъым. Ауэрэ къуажэхэр къаухри бгырэ ӏуащхьэрэ фӏэкӏа имылъагъуж мэхъу. Кӏуэмжэм, кӏуэм-жэурэ, гъэщӏэгъуэну зызыхъуэж дунейм хохьэ. Зэм и нэхэр толыдэ хъупӏэ хуитхэм, зэм мэз щхъуантӏэм псэ зыӏут куэд зэрыщыпэкӏур зыхещӏэ, нэхъыбэрэ зэплъыр бгыхэм дыжьыныфэ бгырыпх къраупцӏэха хуэдэ, тепсыпсыкӏыу къежэх псыхэращ. Псэ яхэтщ абыхэм, хъыджэбз цӏыкӏум ар фӏыуэ ещӏэ. Итӏани а псы къежэххэр зэхэлъэдэжу къэхъуа псыхъуэшхуэм езым и псэ цӏыкӏур тӏэкӏу пэӏэщӏэ ищӏмэ, нэхъ къещтэ, егъэшынэ абы щызэхыхьэжа къару лъэщым. Бгыщхьэ уэсхэри къощӏыӏэкӏ, нэхъ къищтэр удзылъэ щхъуантӏагъэхэращ. Апхуэдэу, нэм илъагъум елъытауэ зыхищӏэхэм захъуэжурэ, ар сабийм къытехьэлъащ. И гуащӏэ мащӏэр пэмылъэщыж