Къэбэрдейм и усакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр 1914 гъэм июлым и 22-м Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ.
Алим и адэ Пщымахуэ хьилмышхуэ иIащ, дин щIэныгъэфI бгъэдэлъащ. А зэманым мыдрисэрат адыгэхэм щIэныгьэ нэхъ къызыщIахыфыр. Пщымахуэ Адыгейм хыхьэ Хьэкурынэхьэблэ къуажэм дэт мыдрисэм зыкъомрэ еджакIуэу щыIащ. Аращ Алим и анэ Куэз къыщицIыхуауэ щытари. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жиIащ адыгэм. Адэм и хьилмыр, Пщымахуэрэ Куэзрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэр, цIыхугъэр я бынхэми къащтащ. Пщымахуэ сыт щыгъуи хущIэкъурт и бынхэм щIэныгъэ зэрыритыным.
Зэщхьэгъусэхэм Къэбэрдейм къагъэзэжри зэман заул дэкIауэ, 1914 гъэм, дунейм къытехьащ я щIалэ етIуанэр, адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ усакIуэшхуэ, тхакIуэшхуэ хъуар.
Алим и гъащIэр къызэрекIуэкIам теухуауэ, 1974 гъэм, Москва къыщыдэкIауэ щытащ «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» («Вид с белой горы») тхылъыр. Абы тхакIуэм мыпхуэдэу щетх: «Ди адэм щIалищ къыхуалъхуати, сэ сранэхъыщIэт. Нэхъыжьым Рашид фIащащ, абы кIэлъыкIуэм – Амин. Амин зы илъэсщ зэрыпсэуар. Сэ сыкъыщалъхуар 1914 гъэм июлым и 22-рщ, ар щызгъэбелджылыжар иужькIэщ – ди анэм и гукъэкIыжхэм тесщIыхьурэ».
И щIалэр еджэным зэрыхуэпабгъэм гу лъызыта адэм Алим цIыкIу щIэныгъэ игъуэтын папщIэ сыткIи дэIэпыкъуащ. Алим и акъыл зэрыубыдыгъуэм къицIыхуауэ щытащ къэбэрдей усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ абы и ныбжьэгъуфI ЛIыгъур Ибрэхьимрэ. Ар къыщыхъуар 1926 гъэрщ, Алим Бахъсэн дэт школ-интернатым щеджэну щагъэкIуарщ.
Алим и гъащIэ гьуэгур зыубзыхуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къэплъытэ хъуну къыщIэкIынущ ар Бахъсэн щыщеджа илъэсхэр – 1926—1931 гъэхэр, сыту жыпIэмэ абы и егъэджакIуэхэм яхэтт адыгэ усыгъэм и вагъуэ ЩоджэнцIыкIу Алий. И адэ Пщымахуэрэ Алийрэ я нэIэ щIэту ежьа псыпэр адыгэ литературэм махуэ хуэхъуащ.
И анэ Куэзи, езы Алим зэритхыжымкIэ, цIыху хьэлэмэту щытащ.
«Ди анэр Хьэкурынэхэ япхъущ. А унэцIэм хъыбар гъэщIэгъуэн къыдокIуэкI. Мыпхуэдэущ ар къызэрежьар. КIахэ къуажэ гуэрым бий къытеуащ. Бийм къуажэр зэрызэтригъэсхьэнум шэч къытрахьэртэкъыми, жылэр мэзым щIыхьэжащ. Зы фыз уэндэгъущ къыдэнар. Къуажэр щагъэсым, бийм заIэримыгъэхьэн щхьэкIэ, фыз уэндэгъур хьэкум ипщхьащ, абы илъхухьащ фызыр. Бийр ящхьэщыкIа нэужь, жылэр къыдыхьэжащ, фызыр мафIэм исауэ кърихьэлIэжащ, ауэ сабийм и псэ пытт.
Хьэкум иралъхухьа щIалэ цIыкIуращ Хьэкурынэхэ къызытехъукIар», – щетх Алим «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» повестым.
Куэз икъукIэ унагьуэ Iуэхум хуэIэкIуэлъакIуэу, IэпщIэлъапщIэу, жьэрыIэзэрэ жьэнахуэу щытауэ жаIэжырт. Езыр къызыхэкIа лъэпкъкIэ абазэхэти, къызыхыхьа къэбэрдейхэмрэ къызыхэкIамрэ я хьэл-щэнхэм, IуэхущIафэхэм нэхъыфIу хэлъыр зэригъэкIурт. И анэм уэрэду, псалъэ шэрыуэу, къебжэкIыу, хъыбару куэд ищIэу зэрыщытам теухуауэ Алим итхыжащ: «Сэ усэбзэм и IэфIым сысабий щIыкIэ гу хуэсщIамэ, таурыхъхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ пасэу сыдахьэхамэ, ар зи фIыщIэр си анэращ».
Алим и анэ Куэз и гъусэу
1931 гъэм Алим Бахъсэн дэт еджапIэр къиухащ, абы щыхьэт техъуэ дэфтэрым зэрытымкIэ: «Предъявитель сего успешно окончил особую восьмую ударную ускоренную группу». А гъэм дыдэм Владикавказ дэт пединститутыми щIэтIысхьащ. Ар 1935 гъэм къиухри, щIэныгъэ нэхъыщхьэ игъуэтауэ, и хэку къигъэзэжащ икIи адыгэбзэрэ урысыбзэрэ иригъаджэу Налшык щылэжьащ. ИтIанэ ар Москва макIуэри бзэ щIэныгъэмкIэ аспирантурэм щIотIысхьэ. Ауэ зы илъэс нэхъ дэмыкIыу къигьэзэжын хуей хъуащ, сыту жыпIэмэ, езым зэритхыжамкIэ, «унэм зым нэхърэ зыр нэхъ цIыкIуу шыпхъуитхур щIэст. Ахэр егъэджэн хуейт. Си анэм и закъуэ абы пэлъэщынт? Езы унэ дызыщIэсри щIыбышэ хъуат къэуэпэнкIэ уигъэшынэу. Къуэш нэхъыжьми дзэм къулыкъу щищIэрт. Арати, унагъуэ Iуэхум сыпэрыувэн хуей хъуащ».
1934 гъэм «КъаруущIэ» литературэ-художественнэ альманахым Алим и усэ зыбжанэ традзащ. ЩIалэм и художественнэ творчествэм и щIэдзапIэу ар къалъытэ.
1938 гъэм КIыщокъуэр Налшык дэт Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ -къэхутакIуэ институтым и директору ягъэув, ауэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым дзэм къулыкъу щищIэну яшэ.
1938 гъэм 3-нэ классым папщIэ Алим зэхигъэувауэ дунейм къытехьащ «ЛитературэмкIэ хрестоматие» тхылъым и япэ Iыхьэр. А гъэ дыдэм къыдэкIащ 2-нэ Iыхьэри, 4-нэ классым папщIэ жиIэу.
1939 гъэм КIыщокъуэ А. СССР-м и Тхакlуэхэм я союзым хагъэхьащ. А гъэ дыдэм «Нарт хъыбархэр» тхылъыр, ар хэлэжьыхьыжауэ къыдэкIыжащ.
1940 гъэм дунейм къытехьащ пэщIэдзэ классхэм папщIэ «ЛитературэмкIэ хрестоматие» тхылъым и 1-пэ, 2-нэ Iыхьэхэр. КъинэмыщIу, 3-нэ, 4-нэ классхэм папщIэ хрестоматиехэр етIуанэу къыдэкIыжащ.
А лэжьыгъэшхуэхэм къадэкIуэу, утыку къэдмыщIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ еджапIэхэм яхуигъэхьэзыра тхылъхэм я гъэхьэзырыкIар. Ахэр зэрызэхэгъэувар нобэрей школ хрестоматиехэм хуэдэукъым – текст хьэзырхэр къищтэу зэрыхуейуэ тхылъым иригъэувэу. А лъэхъэнэм узыхэщыпыхьынышхуэ художественнэ лъэпкъ литературэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, езым урыс, хамэ къэрал классикхэм я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIыурэ, зэрынэхъыфIым хуэдэу классхэм ятригуашащ. Мыр икъукIэ лэжьыгъэшхуэт. А Iуэхугъуэм и гугъу щысщIащ «V—XI классхэм папщIэ адыгэ литературэмкIэ программэхэмрэ учебникхэрэ я IуэхукIэ. 2 Iыхьэ. 9 – 11-нэ классхэр» си тхылъым.
1941 гъэм