Ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс. Зарина Саадуловна Канукова. Читать онлайн. Newlib. NEWLIB.NET

Автор: Зарина Саадуловна Канукова
Издательство: Автор
Серия:
Жанр произведения:
Год издания: 2024
isbn:
Скачать книгу
у фӏы а сабиигъуэм къыхэдна «щэхухэм» я щхьэтепхъуэр тезых тхакӏуэ къыкъуэкӏыу, тхылъ напэкӏуэцӏхэм деж нэхъ мыхъуми, диӏа фӏэщхъуныгъэхэм дыщыхишэжыр… Апхуэдэщ Къаныкъуэ Заринэ и «ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр. Къыпхуэмыӏуэтэнумрэ дызэсэжамрэ зэригъэзэгъащ – магиемрэ реализмымрэ. Щыӏэр, къэхъуагъэхэр щыӏэн хуейм ирешалӏэри пещӏэ, блэкӏамрэ иджыреймрэ зэхуегъазэ, лӏахэмрэ псэухэмрэ зэӏуегъащӏэ, акъылым къыхуэмыубыдыж щэхумрэ махуэ къэс гъащӏэм дыщызэсэжамрэ зы сурэту зэхеухуэнэж, уеблэмэ зэхегъэшыпсыхьыж. Къаныкъуэм и романым лъабжьэ хуэхъуар цӏыху псэукӏэ-зэхэтыкӏэмрэ абы къыдэкӏуэ ӏуэхугъуэхэмрэщ. Тхакӏуэм къеӏэт цӏыхур къызэригъэщӏрэ къыфӏэӏуэху, щыӏэхуи къыфӏэӏуэхуну, зэгупсысыну, жэуап къызыхуилъыхъуэну упщӏэхэр: унагъуэ ухуэкӏэ, ныбжьэгъу ӏыгъыкӏэ, гурыщхъуэ зыхэмылъ лъагъуныгъэ, зауэ, мамырыгъэ, щхьэзакъуэ насыпыр цӏыхубэ насыпым зэрепхар… А упщӏэхэр къэзыгъэхъу икӏи и жэуапым лъыхъуэж лӏыхъужьхэр ӏуоуэ нобэрей цӏыхум дежкӏэ щэху, мыгурыӏуэгъуэ гуэрхэм, ауэ, гъэщӏэгъуэныращи, зыпэмыплъа, зыгъэшынэ е зыгъэундэращхъуэ гуэру къащыхъуркъым ар, я гъащӏэм щыщ налъэ гуэру, егъэлеяи хэмылъущ къызэралъытэр. Апхуэдэ щӏыкӏэкӏэ ӏуэхугъуэ нэхъыщхьэу романым щымыгъэува магиер – мэгъугъэр – толажьэ щызэблэкӏ ӏуэхугъуэхэр зэпкърыха хъуным, лӏыхъужьхэм я щытыкӏэмрэ зыхэщӏыкӏымрэ ӏупщӏ щӏыным. Утхакӏуэу а псор зэбгъэкӏуныр, зэбгъэзэгъыныр, еджэм егъэлея химылъагъуэу зэхэбгъэзэгъэныр, нэхъыщхьэращи, купщӏэкӏэ щыз пщӏыныр езыр мэгъугъэщ. Ари гъэщӏэгъуэнщи, пасэм нартхэм дуней къэхъукъащӏэхэм я къежьапӏэр, щхьэусыгъуэр зыхэпсэукӏ дунейм ирагъапщэурэ зыгурагъаӏуэу щытамэ, иджы, «ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» зэрыщытлъагъущи, зыхэпсэукӏ дунейр къагурыӏуэнымкӏэ тхакӏуэм тегъэщӏапӏэ ещӏ абы къыпэщыт нэгъуэщӏ дуней, а дунеитӏым я зэпылъыпӏэр къелъыхъуэ, зэхыхьэ-зэхэкӏыу зэрыщыт ныбзхэр къехутэ. Абы къикӏыращи, ӏуэхугъуэ куухэр зэпкърыха хъунымкӏэ магиер ӏэмэпсымэ ещӏ.

      Къаныкъуэ Заринэ и лӏыхъужьхэр дунеитӏми щопсэу: зэрынэрылъагъум папщӏэ пэжу ди фӏэщ хъумрэ дызэрыщымыгъуазэм папщӏэ мэгъугъэм хэдбжэмрэ. Дунеитӏри я гъащӏэм щызэхэтщ, зыр адрейм хэбла-хэухуэнауэ, зым и лъабжьэр адрейм щыхэщӏауэ. Ди нэгу щӏокӏ дунеитӏым я зэпылъыпӏэм лӏыхъужьхэр мызэ-мытӏэу къызэрыщыхутэр, адрей дунейм и лъабжьэр абыхэм я гъащӏэм куууэ зэрыхэкӏар: Улэ уд зэхуэсым макӏуэ, езыр зыхэпщӏа гуащӏэ фӏыцӏэм и пхъур щихъумэну хуейщи, ягуроӏуэ, езым зарет; Майе цӏыхум ямыцӏыху гуащӏэ щызекӏуэ бгъуэнщӏагъым макӏуэ, блыным кӏуэцӏрокӏри къегъэзэж, абы кърикӏуахэм дихьэхауэ зыщигъэгъуэзэнущ щӏэджыкӏакӏуэм; Ӏэдэм хузэфӏокӏ адрей дунейм и щӏэплъыпӏэм нэсыну, абы хэбэкъуэну, и кӏэм нэс къемыхъулӏами; алмэсты къэзылъыхъуэу Мэзкуу къикӏа урыс цӏыхубзми и нэгу щӏэкӏхэри махуэ къэс гъащӏэм дызыщримыхьэлӏэщ. А псом егъэлеярэ фӏэщхъугъуейрэ хэмыт хуэдэущ авторыр зэрыхущытыр, щӏэджыкӏакӏуэри апхуэдэу зэтреублэ: мэгъугъэ зэрыхэтыракъым дгъэщӏэгъуэн хуейр, ар щӏыхэтымрэ щӏагъыбзэ щӏэлъымрэщ. Апхуэдэущ тхакӏуэм къызэрехъулӏэр жылэ зэхэтыкӏэм, цӏыху къэс и щыӏэкӏэм, лъэпкъхэм я къэгъуэгурыкӏуэкӏэм я ныбзхэр къигъэлъэгъуэныр.

      Къаныкъуэм и романыр нэхъ зыхиубыдэнур 2000 гъэхэм къыхагъэщхьэхукӏа метамодерн унэтӏыныгъэр арагъэнущ. Къэралыр зытета гъуэгур цӏыхум зыхащӏэу щигъуэжа лъэхъэнэм пэжыгъэ къэлъыхъуэныр, цӏыху къэс и щхьэпагъыр, лейуэ дунейм зэрытемытыр зыхищӏэныр, ауэ жылагъуэм зыпимыгъэувыныр щытыкӏэ нэхъыщхьэ зэрыхъуар а фӏэщыгъэмкӏэ къэгъэлъэгъуа хъуат. А лъэхъэнэм къыдэуша гупсысэхэр армырауэ пӏэрэ жызоӏэ романым и купщӏэри и зэхэлъыкӏэри къызыдэкӏуар: дызытет дунейр хьэлъэ хъуащ, цӏыхур зэса щыӏэкӏэр къутащ, здигъэзэнур зыми къригъэлъагъукъыми, и щхьэри и псэри фӏокӏуэд, ауэ гугъэр кӏуэдын хуейкъым; дунейм щызокӏуэ нэхугъэ къызыпих гуащӏэ гуэрхэр, пэжым тетхэм, фӏы зи гурылъхэм дэӏэпыкъуу. Нэм илъагъу закъуэмрэ къупхъэ пыухыкӏам итын хуейуэ ягъэса цӏыхум и къэухь зэпэзэвымрэ фӏэкӏа щымыӏэу щыткъым, щыӏэщ дуней зэмыщхь, зэпыхьэпӏэ яӏэрэ зым уикӏыу адрейм утехьэ хъууэ, а «адрейм» ӏущагъ, щӏэныгъэ къыщыбгъуэтыфу. Зы дунейм зыщихъуэжым, къалъыхъуэ адрейр.

      Атӏэ гупсысэкӏэкӏи лъэкӏыныгъэкӏи зэмыщхь цӏыху цӏыкӏур зытекӏута дунейр сыт хуэдэу дигъэлъагъурэ Къаныкъуэ Заринэ? Романым дащыхуозэ лъэхъэнэжьым и кӏэух зэхэзэрыхьам хэпсэукӏ цӏыху къызэрыгуэкӏхэм, унафэ тӏэкӏу зыӏэщӏэлъхэм, къуажэхэм я теплъэм гу лъыдегъатэ, къалащхьэми дыщегъэгъуазэ. Абы къыхохьэ мэгъугъэр, адрей къэхъу псоми къыдэкӏуэ хуэдэу, ауэ псоми гу зылъамытэу, я нэкӏэ ямылъагъуу. Авторыр хущӏэкъуркъым а мэгъугъэмкӏэ и романыр топышэ къэуа ищӏыну: къыгуроӏуэ къару зэмыщхьхэр щызэблэкӏ дуней зэмыщхь зэрыщыӏэр. Сюжетым сыт хуэдэу зимыгъазэми, тхакӏуэм и къэӏуэтэкӏэр зэрызэхэщӏыкӏыгъуэщ, зэрымамырщ. Къыжыӏэпхъэщ мэгъугъэкӏэ узэджэну романым дызыщрихьэлӏэр ӏуэрыӏуатэу лъэпкъым къыдэгъуэгурыкӏуэу зэрыщытыр: джэду зызыщӏыф уд фыз, уд зэхуэс, пэшэгъу, алмэсты… Абы къыщӏыгъуащ щӏэныгъэм пыщӏахэм я дунейлъагъукӏэ: хэти здэмыкӏуэфын дуней телъыджэ щыӏэщ, цӏыхур жэнэткӏэ зэджэм хуэдэу, ауэ ар къэзыгъуэтыфынур гурэ псэкӏэ къабзэрщ, зи щӏэныгъэр абы нэсаращ. А щӏыпӏэр куэдым зэрахъуэпсапӏэр къыхощ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Ӏуащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэхэм щрагъэкӏуэкӏа къэхутэныгъэу романым къыхэщыжым. А дунейм и щӏыхьэбжэр фашистхэм къахутэныр пцӏыт, сыту жыпӏэмэ, хъыбархэм къызэрыхэщымкӏэ, зи гур екӏэ гъэнщӏахэм, лъы зыгъажэхэм ар зэи яхузэӏукӏынутэкъым. Романым урешалӏэ гупсысэ пыухыкӏам: узыхущӏэкъур къохъулӏэн папщӏэ уи гупсысэкӏи